ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2010-09-09

  • НэщIикIыж хьид махуэшхуэм ирихьэлIэу
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
  • Президент Къанокъуэ Арсен цIыхухэм
  • зэрызахуигъазэр
  •    Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэу НэщI мазэ лъапIэр езыхьэкIахэм НэщIикIыж хьид махуэш­хуэм­кIэ си гуапэу сохъуэхъу. Ар псапэмрэ гущIэгъумрэ я гуфIэгъуэщ. БлэкIа мазэ псом муслъымэнхэр къаб­за­­гъэрэ пэжыгъэрэ ягу илъу дин къабзэм тетащ. Нобэрей махуэм ди хэкуэгъухэм я тхьэлъэIур, мурад къабзэхэмрэ гугъапIэхэмрэ къайрырехъулIэ.
  •    Нобэ къэралми динми я мурадыр зыщ – ди гъащIэр нэхъыфI, нэхъ къабзэ, нэхъ гущIэгъулы щIынырщ. Шэч къытесхьэркъым республикэм и къэрал властым и органхэмрэ дин зэгухьэныгъэхэмрэ тэмэму зэ­дэлэжьэныр мыхьэнэшхуэ зиIэ а мурадыр зэ­гъэ­хъу­лIэнымкIэ лъабжьэ быдэу зэрыувынум. Ди зэдэ­лэ­жьэныгъэр дяпэкIи хуэунэтIауэ щытынущ мамырыгъэр, жылагъуэ зэгурыIуэныгъэр, цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэным.
  •    Муслъымэнхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис псоми сохъуэхъу узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, ефIэ­кIуэныгъэ яIэну.
  •  
  •  
  •  
  •    Гъэгъуныгъэмрэ ГущIэгъумрэ зыхэлъ Алыхьым и цIэкIэ!
  •    Дунейхэм я тепщэ Алыхь ЛъапIэм фIыщIэ худощI, фIыгъуэрэ мамырыгъэрэ Мухьэмэд бегъымбарым Тхьэм кърит, Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэ абыи, и унагъуэми, ягурэ я псэрэ къабзэу и лъэужьым ирикIуа псоми!
  •  
  • ПщIэ зыхуэтщI, динкIэ ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ!
  •    Ди Iыхьлыхэм дэIэпыкъуэгъу дащыхуэхъу, Алыхьым къитхуигъэфэщамкIэ дащыдэгуашэ,  КъурIэн лъапIэм еджэным, Алыхьым хуэлIыщIэным, лъагъуныгъэм хухаха мазэ лъапIэр иухащ. Рэмэдан мазэм псымрэ ерыс-къымрэ махуэм пэIэщIэ зэрызытщIам и мызакъуэу, жэщхэр нэмэз тщIыуэ етхьэкIащ. НэщI мазэ лъапIэм гу къабзэкIэ бгъэдэтахэм ахърэтым и фIыпIэр къалъысынущ, мы дунейми я IуэхуфIхэм дэIэпыкъуэгъу ща­гъуэтынущ, илъэс блэкIам къриубыдэу ялэжьа гуэныхьхэр ятекIыжынущ.
  •    Мухьэмэд бегъымбарым, Алыхьым и нэфIыр зы­щыхуэным, мамырыгъэ зритыным,  жиIащ: «Рэмэдан мазэм фIэщхъуныгъэрэ гугъэрэ хэлъу нэщIам къыхуэ-гъунущ нэхъапэкIэ илэжьа гуэныхьхэр».
  •    ГуIэгъуэщ Алыхьым и гущIэгъур къэзымыгъэсэбэпахэм я Iуэхур, гуIэгъуэщ Мазэ лъапIэм и фIыгъуэм хэ­кIыжахэм я Iуэхур. ГуIэгъуэщ жэщхэр фадэ ефэрэ къемызэгъ Iуэхугъуэхэр ялэжьу езыхьэкIахэм, махуэр бзэгу зехьэным, псалъэмакъым хэту, пщэфIэнымкIэ зэпеуэу зыгъэкIуахэм я Iуэхур.
  •    Ахэр ДжэбрэIил мелыIычым, мамырыгъэ зыхуэ­кIуэ­ным, Мухьэмэд бегъымбарым, Алыхьым и нэфIыр зы-щ­ы­­хуэным, мамырыгъэр зыхуэкIуэным хуиIуэтам къыхэщым хуэдэщ: «Рэмэдан мазэм ирихьэлIауэ, ауэ абы гъэгъуныгъэ щызымыгъуэтар жыхьэнмэ мафIэм хыхьэ­нущ икIи Алыхьым ар пэIэщIэ ищIынущ и гущIэгъум. «Iэмин жыIэ» жриIати, Бегъымбарым, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэным, мамырыгъэр зыхуигъэкIуэным, «Iэмин» жиIащ».
  •    Сэ Алыхьым солъэIу жыхьэнмэм и мафIэм дыщихъумэну. Сэ Алыхь Лъагэм солъэIу Абы и лIыщIэу щыуахэр гъуэгу пэжым тригъэувэжыну.
  •    Рэмэданыр Алыхьым и гъэгъуныгъэр къыплъысауэ къызэбнэкIыныр икъукIэ фIыгъуэшхуэщ. А фIыгъуэм зыхэвмыгъэкIыж, ар гукъеуэ зыщывмыщI, Рэмэдан мазэ нэужьым фахэмыхьэж Алыхьым и жыIэм щIэкIахэм.
  •    Уа, Алыхьым мафIэм пэIэщIэ ищIа, хуитыныгъэ къыплъыса нэужь сакъ, гуэныхьхэм я лъэхъум уимыубыдыжын хуэдэу! Уи Тхьэм мафIэм пэIэщIэ уищIу уэ абы ерыщу ухуэкIуэу ара?! Уэ абы укърегъэл, итIани, мафIэм зы­хэбдзэну ухэту ара?! Дауи, гущIэгъур зыхуэфащэр фIы зылэжьхэрщ, ауэ гуэныхь зылэжьами гугъэр хихыжын хуейкъым, гъэгъуныгъэр зыхуэфащэр Алыхьым фIэ­лъы­кIхэрами, Iей зылэжьри абыкIэ гугъэ хъунущ…
  •    КIэухыу, хуит сыкъэфщI Хьид махуэшхуэмкIэ сынывэ-хъуэхъуну. Мамырыгъэ, насып, фIэщхъуныгъэ зэтетрэ быдэрэ фиIэну си гуапэщ. Алыхь Лъагэм солъэIу фи нэщIри, нэмэзхэри, влэжьа псапэхэри къабыл ищIыну, фэрэ фи Iыхьлыхэмрэ, фIэщхъуныгъэ быдэ зиIэхэмрэ шыIэныгъэ зыхэлъхэмрэ Абы къызэригъэгугъа жэ­нэ­тымкIэ къыфхуэупсэну. Алыхьым солъэIу ди гуэныхьхэр къытхуигъэ­гъуну, ди фIэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищIыну, къы­кIэ­лъы­кIуэ Рэмэдан мазэ лъапIэм муслъымэн пэжу дыни­гъэ­сыну, Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ди республикэм ма­мы­рыгъэр щихъумэну.
  •    Фэри фи Iыхьлыхэми Алыхь Лъагэу ЛъапIэр мамырыгъэкIэ, гущIэгъукIэ къыфхуэупсэну!
  •  
  • КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий  ПщыхьэщIэ Iэнас.

Къанокъуэ Арсен япэ ит унафэщIищым ящыщщ

2010-09-09

   КъБР-м и Президент Къанокъуэ Арсен иужь зэманым нэрылъагъуу иригъэфIэ­кIуащ «ЦIыхубэ хъыбар-       е­гъа­щIэ IуэхущIапIэхэм политикхэр къазэрыщыхъур», «Медиалогия» рейтинг­хэм­кIэ иIыгъ увыпIэр.

   «ХъыбарыщIэхэм я зэман» агентствэмрэ «Медиалогия» компаниемрэ зэщIыгъуу къызэрагъэпэща «ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIа­пIэ­хэм политикхэр  къазэрыщыхъур» проектыр зытеу-хуар федеральнэ прессэмрэ телевиденэм и центральнэ каналхэмрэ нэхъ жыджэру зы­тепсэ­лъыхь политикэ лэ­жьа­кIуэ­хэм я рейтингыр къэ­лъы­тэнырщ. Ар тращIыхь зы мазэм къриубыдэу политикым и цIэр къы­зэрыраIуа бжыгъэми абы прессэр зэрыхущыт щIы­кIэми. А проектым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президент Къанокъуэ Арсен шыщхьэIу мазэм къриубыдэу увыпIи 10-кIэ дэкIуэтеящ икIи абы хъыба­ре­гъа­щIэ Iуэ­ху­щIа­пIэ­хэр зэрыху­щытым­кIэ ещанэ увыпIэр, епщIанэ увыпIэр абы и цIэр къызэрыраIуэ бжы­гъэмкIэ иубыдащ.

   «Медиалогия» проектми КъБР-м и Iэтащхьэр увы­пIит­­ху­кIэ щыдэкIуеящ икIи абы цIыхубэ хъыба­ре­гъа­щIэ Iуэ­ху­щIапIэхэр зэ­ры­ху­щы­тым­кIэ еплIанэ увыпIэр иIыгъщ. УФ-м и щIыналъэ­хэм я Iэ­тащхьэхэм я цIэхэр къы­зэ­рыраIуэ бжыгъэм и лъэ­ны­­къуэ­кIэ КъБР-м и Президентыр епщыкIут­хуа­нэщ.

 

  • Толасовэ Екатеринэ, КъБР-м и Президентымрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

2010-09-09

  • Тхьэзэплъыж М. ТI. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и экономист» цIэ лъапIэр фIэщыным и IуэхукIэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым и
  • Указ
  •    И IэщIагъэм зэрыхуэIэзэм, республикэм и къэрал властым и органхэм илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрыщылажьэм икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и экономикэм зегъэужьыным къаруушхуэ зэрырихьэлIам папщIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и экономист» цIэ лъапIэр фIэщын Тхьэзэплъыж Мурат ТIулэ и къуэм – Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэм.
  •  
  •                 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
  •                 Президент                       Къанокъуэ Арсен
  • Налшык къалэ
  • 2010 гъэм фокIадэм и 2-м
  • №93-УП

2010-09-09

  •                 КъБР-м и Президент Къанокъуэ А. Б. деж
  •  
  •    ПщIэ зыхуэтщI Арсен Башир и къуэ!
  •    КъБР-м и Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэ­зы­гъэуIу советыр къохъуэхъу республикэм и Президентым и къулыкъум етIуанэ пIалъэкIэ узэры­ха­хы­жам­кIэ.
  •    Дэ бдыдоIыгъ экономикэр къэIэтыжыным, жылагъуэ-экономикэ гъащIэр зэтегъэувэжыным, лъэпкъхэм я зэ­ху­щытыкIэхэр зэпIэзэрыт щIыжыным хуэунэтIауэ Уэ еб­гъэкIуэкI политикэр.
  •    Ди фIэщ мэхъу Уэ урипашэу ди республикэр Урысей Федерацэм и субъект нэхъ зызыужьа дыдэхэм зэрахыхьэнур. Узыншагъэ быдэ, ефIэкIуэныгъэ уиIэну дыно­хъуэхъу.
  • Къалмыкъ Жылэбий.
  •  
  •  
  •  
  •                                КъБР-м и Президент
  •                                Къанокъуэ Арсен Башир и къуэм деж
  •  
  •    ПщIэ зыхуэтщI Къанокъуэ Арсен! Дэ икъукIэ дыщыгуфIыкIащ икIи арэзы дытехъуащ Уэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президенту етIуанэ пIалъэкIэ улэжьэну узэрыхахыжам теухуа хъыбарым.
  •    Уэ уи унафэм щIэту КъБР-м къихьа ехъулIэныгъэхэм адыгэ диаспорэм, нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу псоми пщIэшхуэ хуащIащ.
  •    Дэ дигукIи ди псэкIи дынохъуэхъу, узыншагъэ быдэ уиIэну, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм я фIыгъуэм хуэгъэзауэ ебгъэкIуэкI лэжьыгъэм ехъулIэныгъэщIэхэр къыщыпхьыну ди гуапэщ.
  •  
  • Къандурхэ Мухьэдинрэ Любэрэ.
  • Виндзор, Великобритание.

Прохладнэ къалэм, Iуащхьэмахуэ, Бахъсэн куейхэм я тхьэмадэхэр нэхъыфIу мэлажьэ

2010-09-09

   КъБР-м и Президентым 2009 гъэм мэлыжьыхьым и         10-м къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ, КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмрэ сатумкIэ и министерствэм къипщытащ 2009 гъэм республикэм и къалэ округхэмрэ муниципальнэ районхэмрэ я щIыпIэ самоуправленэм и органхэм я лэжьыгъэм сэбэпынагъыу кърикIуар.

  Псоми еджэн…

Мы махуэхэм

2010-09-09

  • ФокIадэм и 9, махуэку
  •  
  • Дахагъэм и дунейпсо ма-хуэщ.
  • Таджикистан Республикэм и къэрал гуфIэгъуэщ, 1991 гъэм къэрал щхьэхуит хъуащ.
  • КНДР-р къыщыунэхуа ма-хуэщ (1948 гъэм).
  • 1970 гъэм Волжскэ автозаводым «ВАЗ-2101» (Жигули) автомашинэхэр къыщIигъэкIыу щIидзащ.
  •  
  • ФокIадэм и 10, мэрем
  •  
  • ЦIыхухэм зыщаукIыж къэмыгъэхъуным и дунейпсо махуэщ
  • Китайм егъэджакIуэм и ма­хуэр щагъэлъапIэ (зыгъэпсэхугъуэ гуфIэгъуэ махуэу ягъэуващ).
  • ФокIадэм и 10 – 12-хэм Калининград къалэм и махуэр ягъэлъэпIэнущ. Ар яухуащ 1255 гъэм.
  • 1725 гъэм ягъэуващ Невский Александр и орденыр.

ПсыкIэ къызэрагъэпэщ (Лэскэн куей)

2010-09-09

Абрэдж Iэдэм псы къыщIэшыпIэщIэм и тхылъхэр Иуаз ФотIимэ ирет.

   «2012 гъэ пщIондэ къуажэхэм социальнэу зэрызаужьынур» федеральнэ программэ хэхам зэрыщыубзыхуам тету, нэгъабэ и щэкIуэгъуэ мазэ лъандэрэ Аргудан жылагъуэм псы Iуэхум сом мелуани 7-м щIигъу и уасэ лэжьы­гъэ щращIэкIащ.

 

   ЩIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Иуаз ФатIимэ къызэрыджиIамкIэ, Абрэдж Iэдэм зи унафэщI «Налшык и псы бжьамийхэр» ООО-м и IэщIагъэлIхэм къыщIэшыпIэщIэ яухуэри,  Iэрэ­мы­сэм, Бжьэдыгъум, Мэремкъул зэкъуэшхэм я цIэхэр зэзыхьэ уэрамхэм псы кIуапIэ бжьамийхэр километри 5-рэ метр 400-м щаукъуэдиящ.

   – Ди жылэр игъащIэми псыр къызэ­мэ­щIэкI щIыпIэщ. Абы къыхэкIыу унагъуэ псори тэмэму зэ­щIэд­мыгъэхьэфурэ нобэм дыкъэсащ. КъищынэмыщIауэ, къыщIэшы­пIэ­хэмрэ пасэу далъхьа бжьамийхэмрэ я пIалъэр йокI. Ари къэдмылъытэу щыт-къым. ИтIанэ, хьэблэщIэхэми къахохъуэ. Къуажэм дяпэкIи зэрызиужьынум и планым а Iуэхур нэхъыщхьэу хэдгъэхьащи, абы тету уэрам къэс псы гуэшыпIэхэр щыдгъэувынущ, щыIэхэр щедгъэ­фIэ­кIуэ­нущ, – жеIэ администрацэм и Iэтащхьэм. – «Налшык и псы бжьамийхэр» ООО-м щыщ щIалэхэм гугъу зрагъэхьащ. Я лэжьыгъэр гугъэзагъэу зэфIагъэкIри, нэхъ гугъу ехьу щыта уэрам зыбжанэм щыпсэухэр ягъэтыншыжащ, адрей къытхуэнахэми мыгувэу псыр еттынущ. Аргуданыр къуажэу зэрытIысрэ илъэс 340-рэ зэрырикъур щыдгъэ­лъэ­пIэнум ирихьэлIэу, ар ди цIыхухэм я дежкIэ тыгъэфIщ.

    Нобэ къыщIэшыпIэ 12 зэпымыууэ ягъэ­­ла­жьэ. КъБР-м и Президентым и пщэ­ры­лъым тету иджыри зы яухуэнущи, ар зэ­­фIэкI­мэ, зэрыжылэу псыкIэ зэлъэ­Iэ­сынущ. КъищынэмыщIауэ, етIанэгъэ я къы­­щIэ­шы­пIэ псоми электрокъарур зэзыгъэзахуэ Iэмэп­­сымэхэр трагъэувэнущ.

 

  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

Жыжьэ-гъунэгъу

2010-09-09

  

Налшык щызэхуэсащ тхакIуэ ныбжьыщIэхэр. ЗэIущIэр ирагъэкIуэкI ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэрэ (ижьымкIэ япэщ) Къагъырмэс Борисрэ (ещанэщ), нэхъыжьхэм къабгъэдэсхэщ Бэлагъы Любэ, Зэгъэщтокъуэ Людэ, Къарэмырзэ Юрэ, Къармэ Iэуес сымэ.         Сурэтыр 1986 гъэм щэкIуэгъуэм и 22-м трахащ.

Зэкъуэшхэр зэрокъуэтыж

2010-09-09

   Ди къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу урысхэу Кудаев унэцIэр зезыхьэхэм ятеухуа хъыбархэр дэ зэман-зэманкIэрэ къытIэрыхьэрт. Мы тхыгъэр зи Iэдакъэм къы­щIэкIари зэгуэр щыхьэщIауэ щытащ Ростов областым щыщ Кудаевхэ я унагъуэм, арщхьэкIэ  ди зэпыщIэныгъэхэм пытщакъым.

 

Псоми еджэн…

И унэ кIуэжын идэркъым (Шэшэн)

2010-09-09

   И дэлъхур гъэрыпIэм къришыжын папщIэ дэIэпыкъуну Улан-Удэ щыпсэу Ипангицевэ Ларисэ ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу Шэшэн Республикэм щыIэм елъэIуащ.

  Псоми еджэн…